-
1 удын
1. удар/ ХуищIэу игъэузу жьэхэуэныгъэ, еуэныгъэ.* Дотэ сымэ я удыным Ди тхыныхур къыдахуат. Япэу лъ. з.2. ушиб, травма/ Жьэхэуэныгъэм, еуэныгъэм къыхэкIыу щIыфэм къытенэ фIыцIагъэ, фэбжь.* Удын мыхъужыр е екIуат. Iуащхь.3. переносное удар, потрясение/ Гуауэ узэмыжьа, гум ежалIэ щIэщхъу.* Фызкъэмышэ щIалэм дежкIэ сыт хуэдэ удын ауан укъащIу пхуаусыныр. Лъэб.Удын едзын (ехын) ударить кого-л., нанести кому-л. удар.Удын къэлъыхъуэн напрашиваться на взбучку, побои.Удын къылъэIэсын получать побои.Удын (къы)лъысын = удын къылъэIэсын.Удын тедзэн ранить кого-л., нанести травму, ушиб кому-л.Удын телъын иметь ушиб, травму.